Рабочая программа по родному 5 класс яз и лит (1)

I.Зыубзыху тхыгъэ
Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэкIуэну нормативнэ тхыгъэхэр и лъабжьэу:
1. Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм цIыхубэм щIэныгъэ
егъэгъуэтынымкIэ
дыгъэгъазэм и пщыкIутIым 2012гъэм къищта Законхэмрэ
Концепцэхэмрэ №273-Ф3, «ЕджэныгъэмкIэ щIэныгъэмкIэ Урысей федерацэм и
закон»
2. Федеральнэ государственнэ стандартыр, егъэджэныгъэмрэ
щIэныгъэмкIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и министерствэм жэпуэгъуэм и хым 2009 гъ.
къищта Базиснэ учебнэ план № 373 (зэхъуэкIыныгъэ хэлъу щэкIуэгъуэм и тIощIрэ
хым 2010гъэм, фокIадэм и тIощIрэ тIу 2011гъэм дыгъэгъазэм и пщыкIуий 2012 гъэм
(п.19.5))
3.Егъэджэныгъэмрэ
щIэныгъэмкIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр
республикэм
и
министерствэм къигъэлъэгъуа пособиехэр, предметымкIэ зэхэлъхьа типовойкIэ
дызэджэ учебнэ программэм зэхигъэува зэрылажьэ программэм теухуа положенэм
япкъ иткIэ.
4.Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2 2022-2023 гъэ еджэгъуэм зэхигъэува учебнэ
планым ипкъ иткIэ.
5.Программэр зэхэгъэуващ «АдыгэбзэмкIэ программэхэр»
Авторхэр: Джаурджий Хь.З., Къэмбэчокъуэ I.М. Налшык. 20I0 гъэм къыщыдэкIам
тету.
Етхуанэ классым адыгэбзэм и программэр джыным сыхьэт 68-рэ хухах.
Рабочэ программэр гъэзэщIэн папщIэ къэгъэсэбэпыпхъэ учебно- методическэ
комплектыр:
1.Джаурджий Хь.З. Адыгэбзэ. 5 класс Налшык, 2020гъ.
2.Танащ Т.М. Зэрылажьэ тетрадь Налшык, 2015гъ.
3. Табыщ М. А. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ Къэбэрдей- Балъкъэрым и
курыт еджапIэхэм зэрыщегъэджын хуейм и методическэ чэнджэщхэр 2018 -2019 гъэ
еджэгъуэм.
ЕджапIэм и къалэн нэхъыщхьэр щIэблэм щIэныгъэ куурэ есэныгъэ быдэрэ етынырщ,
ягъуэта щIэныгъэмрэ есэныгъэмрэ хуей щыхъум къагъэсэбэпыфыным хуэгъэхьэзырынырщ.
Абы и лъэныкъуэкIэ анэдэлъхубзэр егъэджыным и къалэныр мылъытэщ. ЕджакIуэм и дуней
еплъыкIэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэр псом япэу къызэраIуатэр езым къыдалъхуа бзэрщ.
Мурадыр:
 я анэдэлъхубзэр тыншу, шэрыуэу ягъэбзэрэбзэфу егъэсэным хущIэкъун;
 щыуагъэншэу тхэнымкIэ орфографием теухуа правилэ зрагъэщIахэр къагъэсэбэпыфу
егъэсэн;
 бзэм хуащI пщIэр нэхъ лъагэ щIынымкIэ адыгэ лъэпкъым къадекIуэкI хабзэ дахэхэр
къэгъэсэбэпын.
Къалэнхэр:
 адыгэбзэм хуаIэ лъагъуныгъэр нэхъ куу щIын; бзэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр
урипсэлъэфын къудейуэ зэрыщымытым гу лъегъэтэн;
 фонетикэм, лексикэм, псалъэухахэм, псалъэ зэпхахэм теухуауэ яIэ щIэныгъэр нэхъ
куу щIын;
 правилэ зрагъэщIахэр тхыгъэм къыщагъэсэбэпыфу есэным гулъытэ хуэщIын;
 еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьын, я словарнэ запасым хэгъэхъуэн. тэмэму
псэлъэнымкIи, тхэнымкIи, къеджэнымкIи еджакIуэхэм яIэ есэныгъэр егъэфIэкIуэн;
 я бзэр тэмэму яухуэфу, дэтхэнэ псалъэри егупсысауэ къагъэсэбэпыфу егъэсэн;
 еджакIуэхэм етын фонетикэм, морфологием,синтаксисым,псалъэ къэхъукIэм,
пунктуацэм ехьэлIауэ щIэныгъэ пыухыкIахэр;

 еджакIуэхэм я логическэ гупсысэкIэм зиужьынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуныр.
Адыгэбзэр
егъэджыныр
къызэгъэпэщыпхъэщ
компетентностнэ
(лъэкIыныгъэхэм
зезыгъэужь) бгъэдыхьэкIэм тету. Абы тещIыхьауэ етхуанэ классым зыщаужь:
 коммуникативнэ (зэрызэгурыIуэ, зэрызэпыщIа) компетенцэхэм;
 лингвистическэ (бзэщIэныгъэ) компетенцэхэм;
 культуроведческэ компетенцэхэм;
Етхуанэ классым щеджэ еджакIуэхэм адыгэбзэмкIэ ягъэзэщIапхъэ лэжьыгъэхэр, я
зэфIэкIхэр, щIэныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ ахэр зыхуэунэтIахэр ( компетенцэ елъытауэ)
ЩIэныгъэм и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэ унэтIыныгъэхэр:
 предметымкIэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр ( предметные компетенции);
 гъащIэм, цIыхухэм яхэтынымкIэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр (социальные компетенции);
 культурэ куэдым хэзэгъэнымкIэ, ар зыхащIэнымкIэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр
(поликультурные компетенции);
 информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпыкIэм ехьэлIауэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр
(информационные компетенции);
 гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр (общекультурн компетенции).
Етхуанэ классым щадж темэхэм къыдэкIуэу еджакIуэхэм академическэ грамматикэм и
Iыхьэ куэдыр нэхъ куууэ ядж, абы къыхэкIыу Iэмал имыIэу езыр-езыру ялэжьхэр, творческэ
проектхэр, бзэм теухуа къэхутэныгъэхэр нэхъыбэу хэгъэхьэпхъэщ.

II. ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын, ящIэн хуейуэ къигъэувхэр
Къэгъэлъэгъуа мурадхэр зыIэрыгъэхьа мэхъу еджакIуэм езым еджэныгъэм хуиIэ
щытыкIэр, зыхуигъэувыж къалэныр, ар кызэргурыIуэр, езым и IуэхуеплъыкIэр
(метапредметные универсальные учебные действия):
Личностнэ есэныгъэхэр:
 бзэр лъэпкъым и тхыдэр, культурэр, хабзэр къызэщIэзыкъуэ Iэмалу зэрыщытыр
къагурыIуэн, ар щымыIэмэ, лъэпкъри зэрыщымыIэнур;
 анэдэлъхубзэм пщIэ хуащIу, я напщIэ телъу егъэсэн, бзэм и къабзагъыр зэрахъумэным
хущIэкъуу щытын;
 я гупсысэр хуиту къаIуэтэфу, бзэм и Iэмал псори къагъэсэбэпыфу.
Метапредметнэ есэныгъэхэр:
 жьэрыIуатэбзэмрэ тхыбзэмрэ зэъхагъэкIыфу абы и мыхьэнэр нэсу къагурыIуэу;
 еджэкIэ лIэужьыгъуэ псоми къеджэфу;
 зыхуей информацэр къалъыхъуэрэ нэхъыщхьэр къыхыхыфу;
 интернетым, псалъалъэхэрм, спрапвочникхэм ирилэжьэфу;
 анализ ищIу, егупсысауэ зэпкърихыфу;
 зэджа е зэхиха текст зэпкърихыфу, зэгъэзэхуауэ къи1уэтэжыфу;
 жьак1уэу и гупсысэр къиIуэтэфу;
 и речым орфоэпическэ, лексическэ , грамматическэ,стилистическэ нормэхэр
къыщигъэсэбэпу;
 жьакIуэу, зэгъэкIуауэ утыкум къыщыпсэлъэн.
Предметнэ есэныгъэхэр.
 бзэм и къалэн нэхъыщхьэхэр ящIэу, бзэм лъэпкъым и тхыдэмрэ и хабзэмрэ епхауэ
зэрыщытыр;
 фонетикэм, лексикэм, псалъэухахэм, псалъэ зэпхахэм теухуауэ яIэ щIэныгъэр нэхъ
куу щIын;
 правилэ зрагъэщIахэр тхыгъэм къыщагъэсэбэпыфу есэным гулъытэ хуэщIын;
 еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьын, я словарнэ запасым хэгъэхъуэн. тэмэму
псэлъэнымкIи, тхэнымкIи, къеджэнымкIи еджакIуэхэм яIэ есэныгъэр егъэфIэкIуэн;
 я бзэр тэмэму яухуэфу, дэтхэнэ псалъэри егупсысауэ къагъэсэбэпыфу егъэсэн;
 еджакIуэхэметын фонетикэм, морфологием,синтаксисым,псалъэ къэхъукIэм,
пунктуацэм ехьэлIауэ щIэныгъэ пыухыкIахэр; еджакIуэхэм я логическэ гупсысэкIэм
зиужьынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуныр
.
синтаксисымрэ пунктуацэмкIэ:
 яджа псалъэуха лIэужьыгъуэхэм хуэдэ къызэрыкIуэуи зэхэлъуи зэхэлъхьэн, ахэр
тхыгъэм щызэхацIыхукIыфын;
 псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етIуанэхэмрэ тхыгъэм щызэхэгъэкIын;
 псалъэуха къызэрыкIуэхэм я кIэм, зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэхэм я кум нагъыщэхэр
тэмэму щыгъэувын;
 псалъэ зэлъэпкъэгъухэр нагъыщэкIи къэпсэлъыкIэкIи зэкIэ л ъыхьын;
 псалъэ занщIэм нагъыщэхэр щыгъэувын;
 синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ щIын;
фонетикэмрэ графикэмкIэ, орфографиемкIэ:

 тхыгъэм бзэм и макъхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар зэхэгъэкIын (зы макъ, макъитI
къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр);
 макъзешэ э къапсэлъу хьэрф а щатхыр орфографиемкIэ зэгъэшIэн; зэзыпх ы-р тхын,
ар зыхэтым къеджэн; псалъэр фонетическэ зэпкърыхыныгъэ щIын; псалъалъэхэр
(орфографиемкIэ псалъалъэхэри) къэгъэсэбэпын;
лексикэмкIэ:
 зыхуей псалъэхэм къаIуатэ мыхьэнэр гъэбелджылын (толковать щIын);
 зыубзыху псалъалъэр къэгъэсэбэпын;
 къаIуатэ мыхьэнэ елъытауэ (омонимхэр, синонимхэр, антонимхэр) псалъэхэр
зэхэгъэкIын;
псалъэ къэхъукIэмрэ орфографиемкIэ:
 псалъэр зэхъуэкIа щыхъумрэ псалъэщIэ къыщыхъумрэ зэхэгъэкIын;
 псалъэр зэрызэхэт мыхьэнэ зиIэ IыхьэхэмкIэ хузэпкърыхын;
 префиксхэмрэ суффиксхэмрэ зэм псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэу къыщыкIуэмрэ
зэми псалъэщIэ къызэрыхъу щIыкIэу къыщыкIуэмрэ зэхэгъэкIын;
 псалъэпкъым хыхьэ аффиксхэмрэ хэмыхьэхэмрэ зэхэгъэкIын;
 префикс зы-, зэ- щатхыр;
морфологиемрэ орфографиемрэкIэ:
 щыIэцIэмрэ ар зыгъэбелджылы псалъэмрэ падежрэ бжыгъэкIэ щызэкIур тхыгъэм
щызэхэгъэкIын;
 склоненэ щIыкIитIыр тыншу къэгъэсэбэпын;
 определительнэ щыIэцIэ зэпыту тхахэмрэ (унэбжэ) псалъэпкъ зэхыхьэу. къэхъуа
щыIэцIэ зэхэлъхэмрэ (псынащхьэ) зэхэмыгъэгъуэщэн;
 щыIэцIэ синонимхэр я бзэм къыщагъэсэбэпын;
 плъыфэцIэхэм я зэгъэпщэныгъэ степенхэр къэгъэлъэгъуэн;
 плъыфэцIэ-синонимхэр бзэм къыщыхьын;
 предметым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэр плъыфэцIэ зэмылIэ-ужьыгъуэхэмкIэ
къэгъэлъэгъуэн;
 зэпэщIэуэ мыхьэнэ зиIэ плъыфэцIэхэр псалъэухам хэту къэхьын;
 зы зэманым ит глаголыр нэгъуэщI зэманым игъэувэн;
 зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэм (щыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ) суффикс,
префикс зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ зы псалъэм и мыхьэнэм зрагъэхъуэжын
(псалъэщ!э къытегъэкIын);
 определительнэ псалъэ зэпыщIахэм я тхыкIэр щыуагъэншэу къагъэсэбэпын (зэпыту,
екъуа дэту щатхыр);
 зи тхыкIэ тэмэмыр къыупщытэ мыхъу псалъэхэр тэмэму тхын (етхуанэ классым я
тхылъым къыщыхьа псалъэхэр);
бзэм зегъэужъынымкIэ:
 тхыгъэ гуэрым и темэр. Абы гупсысэ нэхъыщхьэу хэлъыр езым зэхилъхьа план
къызэрыгуэкIкIэ къэIуэтэн;
 хьэпшып, псэущхьэхэм тетхыхьын;
 тхыгъэ гуэрым къыщыIуэтар убгъуауи кIэщIуи къыжыIэ-жын;
 хьэпшып, псэущхьэ щхьэхуэхэм тетхыхьыным теухуауэ кърата темэмкIэ сочинена
тхын;
 гъашIэм къыщыхъуа, сурэтым тещIыхьа рассказ кIэщI зэхэлъхьэн;
 зыгуэрым тетхыхьу тхыгъэ зэхэлъхьэн;
 щытхэкIи щыпсалъэкIи лексическэ синонимхэр къэгъэсэбэпын.

Етхуанэ классым щеджэ еджакIуэм оценкэ зэрыхуагъэув щIыкIэхэр:
ЖьэрыIуатэ жэуапхэм:
«5» ягъэув ядж произведенэм и текстыр тэмэму ищIэмэ икIи куууэ къыгурыIуэмэ; абы хэт
цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я IуэхущIафэхэр, Iуэхугъуэхэм я
зэкIэлъыкIуэкIэр къызэрыгъэлъэгъуар икIи тхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ
средствэхэм я мыхьэнэр къыгурыIуэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищIэмэ, теорием
теухуауэ иIэ щIэныгъэр нэсу къигъэсэбэпмэ; произведенэм и содержанэм щытепсэлъыхькIэ
лъэхъэнэм, гъащIэм ирипхыфмэ; и бзэр дахэмэ, къулеймэ, гъэхуауэ икIи зыхищIэу,
псынщIагъ мардэм тету къеджэмэ.
«4» ягъэув ядж произведенэм и текстыр тэмэму ищIэмэ икIи къыгурыIуэмэ; абы хэт
цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я IуэхущIафэхэр, Iуэхугъуэхэм я
зэкIэлъыкIуэкIэр къызэрыгъэлъэгъуар икIи тхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ
средствэхэм я мыхьэнэр къыгурыIуэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищIэмэ,
произведенэр щызэпкърихкIэ литературэм и теориер къигъэсэбэлыфмэ; лъэхъэнэм, зэманым
епхауэ произведенэр зэпкърихыфмэ; и бзэр, къеджэкIэр мыIеймэ. Ауэ и жэуапым
щыщIэныгъэу зы е тIу нэхъыбэ хэмытмэ.
«3» ягъэув ядж произведенэр зэрищIэр икIи къызэрыгурыIуэр и жэуапым къуигъащIэмэ;
произведенэм хэт цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я IуэхущIафэхэр,
Iуэхугъуэхэм я зэхэлъыкIэр къызэрыгъэлъэгъуар икIи тхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ
средствэхэм я мыхьэнэр къызэрыгурыIуэр къыжиIэфмэ; литературэм и теориер ищIэмэ, ауэ
произведенэр щызэпкърихкIэ тэмэму къимыгъэсэбэпымэ; произведенэм и содержанэм
щытепсэлъыхькIэ лъэхъэнэм, гъащIэм иримыпхыфмэ; и бзэм, къеджэкIэм щыщIэныгъэ куэд
иIэмэ; и жэуапым зэкIэлъыкIуэкIэ тэмэм имыIэмэ.
«2» ягъэув ядж произведенэм и текстым емыджамэ, содержанэри щIагъуэу имыщIэмэ;
литературэм и теорием щыщ гуэрхэри имыщIэмэ; и бзэм, и къеджэкIэм зыкIи арэзы
укъимыщIмэ.
Тхыгъэ лэжьыгъэхэм:
«5» ягъэув тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгурыIуэмэ икIи зэкIэлъыкIуэу,
гурыIуэгъуэу, тэмэму къиIуэтэжамэ, псалъэухахэр екIуу иухуамэ, псалъэ лей
къыхимыгъэхьамэ, пэжырытхэмкIэ зы щыуагъэ фIэкI имыщIамэ, нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ
щыуагъэу зы фIэкIа хэмытмэ.
«4» ягъэув тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгурыIуэмэ икIи зэкIэлъыкIуэу,
гурыIуэгъуэу, къиIуэтэжамэ, стилистическэ щыуагъэу зы – тIу, пэжырытхэмкIэ щыуагъэу
тIу, нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ щыуагъэу зы – тIу фIэкIа хэмытмэ.
«3» ягъэув тхыгъэр зытепсэлъыхьыр мыIейуэ
къыгурыIуэмэ икIи къиIуэтэжмэ, ауэ
къэIуэтэжыкIэм щыуагъэу зы – тIу нэхъыбэ хэмытмэ е и зэкIэлъыкIуэкIэм ныкъусаныгъэ
мащIэ фIэкI имыIэмэ, тхыгъэм хэт стилистическэ щыуагъэхэр щы, пэжырытхзэмкIэ икIи
нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ щыуагъэхэр зэхэту блы нэхъыбэ мыхъумэ.
«2» ягъэув къызэджар къызэрыгурымыIуар къыщиIуэтэжым къигъэлъагъуэу щыуагъэ
зыбжанэ ищIамэ, тхыгъэм зэкIэлъыкIуэныгъэ, зэпхыныгъэ яку имылъамэ, стилистическэ
щыуагъэ зыбжанэ хэтмэ, пэжырытхэмкIэ, нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ щыуагъэхэр зэхэту блы
нэхъыбэ ищIамэ.
Къызэрапщытэ лэжьыгъэхэм:
«5» ягъэув орфографическэ щыуагъэ е пунктуационнэ щыуагъэ зы фIэкI хэмытмэ.

«4» ягъэув орфографическэ щыуагъэу тIу пунктуационнэуи щыуагъэу тIу фIэкI хэмытмэ е
орфографическэ щыуагъэу зы нэхърэ пунктуационнэ щыуагъэу щы нэхърэ нэхъыбэ зыхэмыт
диктантым.
«3» ягъэув щыуагъэхэм я бжыгъэр орфографическэу плIырэ пунктуационнэу плIым е
орфографическэу щырэ пунктуационнэу тхум щIимыгъуу щытмэ, е офографическэу зыри
хэмыту пунктуационнэу блы зыхэтым.
«2» ягъэув орфографическэ щыуагъэр блым, пунктуационнэ щыуагъэр блым щхьэдэхамэ е
орфографическэу хырэ пунктуационнэу ирэ, орфографическэу тхурэ пунктуационнэу бгъурэ,
орфографическэу ирэ пунктуационнэу хырэ хэтмэ.

III.

№

Учебнэ предметым и зэхэлъыкIэр

Разделхэмрэ темэхэмрэ
Бзэм теухуа гурыIуэныгъэ

I
2
3
4
5
6
7

Къэпщытэжыныгъэ.
Синтаксисымрэ пунктуацэмрэ
Фонетикэмрэ графикэмрэ. Орфоэпиер. Орфографиер.
Лексикэ.
Псалъэ къэхъукIэр.
Морфологиемрэ орфографиемрэ. Бзэм и къабзагъыр
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр
Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ лэжьыгъэ щIыгъуу

Сыхьэт
2
3
12
11
4
9
13
4

Къызэрапщытэ словарнэ диктант

2

Изложенэ

4
1

Тест лэжьыгъэ
2
Проект
КъызэщIэзыкъуэж къызэрапщытэ лэжьыгъэ

1



Адыгэбзэр щебгъаджэкIэ къэбгъэсэбэп
(методхэр):



Къэхутэныгъэ,
проектнэ, зэгурыIуэныгъэ, продуктивнэ, репродуктивнэ,
проблемнэ егъэджэныгъэ, еджакIуэхэм къазэрыщыхъу, экскурс, нэгъуэщIхэри:



Мы
къэкIуэну
щытыкIэхэр (формэхэр): щхьэзакъуэ
лэжьыгъэхэр,
къэIуэтэныгъэ, зэпсэлъэныгъэ, къэIуэтыныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу,
нэгъуэщIхэри

хъунущ мы къэкIуэну Iэмалхэр

ЕджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэр къызэрапщытэ щIыкIэхэр:
 жьэрыIуатэу блэкIа темэхэр къапщытэкIэрэ,
 тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхкIэрэ,
 къызэрапщытэ лэжьыгъэхэр,
 тест лэжьыгъэхэр ягъэзащIэкIэрэ, нэгъуэщIэхэри

Егъэджэныр зэрызэхэлъымрэ абы къызэщIиубыдэмрэ

I Iыхьэ. I. Бзэм теухуа гурыIуэныгъэхэр. Хэзыгъэгъуазэ.
ЦIыхубэ гъащIэм бзэм мыхьэнэуэ щиIэр. Бзэр зызыужь, зызыхъуэж Iуэхугъуэу зэрыщыт. Бзэмрэ
речымрэ. Жьабзэмрэ тхыгъэбзэмрэ. ЛитературэбзэмкIэ гурыIуэныгъэ етын.
2. ПэщIэдзэ классхэм щаджам къытегъэзэжын. Псалъэр зэрызэхэтымрэ морфологиемрэ
Псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр. Макъзешэ э къикIыу хьэрфзешэ а щатхым и щапхъэ нэхъ тыншхэр.
ЩыIэцIэхэм я склоненэ щIыкIитIыр.
Определительнэ псалъэ зэпыщIахэм я тхыкIэр.
Глаголыр щхьэкIэ зэхъуэкIа зэрыхъу щIыкIэр, щхьэ префиксхэм я тхыкIэр (щапхъэ тыншхэм
тещIыхьауэ).
3. Синтаксисымрэ пунктуацэмрэ
I. Псалъэ зэпхахэр: псалъэ зэпхахэм щыщу нэхъыщхьэмрэ кIэрыдзэнымрэ.
Псалъэуха. КъызэрыкIуэ псалъэуха.
КъэIуэтэныгъэм и мурад елъытакIэ къызэрыкIуэ псалъэухахэр зэрыгуэшар: зэраIуатэ, зэрыупщIэ,
хуэзыгъэуш. ХэIэтыкIа нагъыщэхэр (къапщытэжыну).
Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.
Псалъэухам и пкъыгъуэ етIуанэхэр: дополненэ, определенэ, обстоятельствэ.
Псалъэуха мыубгъуа, убгъуахэм я къэкIуэкIэр (псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьитIыр хэту).
Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухахэр;
пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэм я кум запятой зэрагъэувыр (союзкIэ щызэмыпхам деж). Пкъыгъуэ
зэлъэпкъэгъухэм я пэм къызэщIэзыубыдэ псалъэ къыщыкIуэр. КъызэщIэзыубыдэ псалъэм и ужькIэ
точкитI зэрагъэувыр.
Зэрызыхуагъазэ псалъэхэр. Зэрызыхуагъазэ псалъэхэм зэрызэхагъэкI нагъыщэхэр зэрагъэувыр.
Союз зиIэ псалъэуха зэхэлъхэр (псалъэуха къызэрыкIуитIым язми псалъэухам и пкъыгъуэ
нэхъыщхьитIри хэту). Псалъэуха зэхэлъыр зэрызэхэт Iыхьэхэм я кум запятой зэрагъэув, союз икIи,
ауэ, арщхьэкIэ, дэни, хэти, сыти, дапщэщи, сыту жыпIэмэ, дэнэ, нэгъуэщIхэми я пэкIэ.
Псалъэ занщIэр: псалъэ занщIэр авторым и псалъэм и ужь итуи и пэ итуи къыщыкIуэр, псалъэ
занщIэм щагъэув нагъыщэхэр.
ДиалогымкIэ гурыIуэныгъэ, диалогым тире щагъэувыр.
2. ЗэраIуатэ, зэрыупщIэ, хуэзыгъэуш псалъэухахэм я къэпсэлъыкIэкIэ тэмэму къеджэн.
4. Фонетикэмрэ графикэмрэ. Орфоэпиер. Орфографиер
Бзэм и макъхэр;
макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ. Псалъэм и кIуэцIкIэ ударенэм и къэкIуэкIэр. Макъ дэкIуашэ
жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ. Зэбгъэдэт макъ дэкIуашэхэм (жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ) я къэкIуэкIэр,
я тхыкIэр. Макъ дэкIуашэ пIытIахэр, Iупэр хъурей хъууэ къапсэлъ макъ дэкIуашэхэр.
Тхыгъэм бзэм и макъхэр къызэрыщагъэлъагъуэр; алфавитыр.
Зы макъ, макъитI къэзыгъэлъагъуэ хьэрфхэр (а, я, е, нэгъуэщIхэри), макъ къэзымыгъэлъагъуэ
хьэрфхэр (ь, ъ). Хьэрф ы-р макъзэпэщIэхыу къыщыкIуэр.
Фонетическэ зэпкърыхыныгъэ егъэкIуэкIын.
2. Орфографическэ псалъалъэр къагъэсэбэпыфын.
5. Лексикэ
I. Псалъэм и мыхьэнэр. Мыхьэнэ куэд зиIэ, зы мыхьэнэ фIэкIа зимыIэ псалъэхэр. Зи мыхьэнэр
зэхьэкIауэ къагъэсэбэп псалъэхэр.
Омонимхэр. Синонимхэр. Антонимхэр.
А гурыIуэныгъэхэм теухуауэ урысыбзэмкIэ яджахэм пыщIэн.
2. ЕджакIуэхэр зыщыгъуазэ зи щхьэ хущыт псалъэхэм къаIуатэ мыхьэнэр ягъэбелджылыфын
(яубзыхуфын). Зыубзыху псалъалъэр къагъэсэбэпыфын
6.Псалъэ къэхъукIэр.
I.Псалъэм зэрызихъуэжымрэ псалъэщIэ къызэрыхъумрэ. КIэух, зэхъуэкIа зэрыхъу префикс, зэхъуэкIа
зэрыхъу суффиксхэмрэ псалъэпкъымрэ (зи щхьэ хущыт псалъэхэм тещIыхьауэ). Лъабжьэр, псалъэ
къызэрыхъу префикс, суффиксхэр псалъэпкъым щыщ мыхьэнэ зиIэ Iыхьэу зэрыщытыр.
Макъ э къикIыу хьэрф а щатхыр. Псалъэпкъым щыщ префиксхэм хьэрфзешэ ы щатхымрэ э
щатхымрэ (дыхьэ - дэхьэ, щIыхьэ - щIэхьэ, нэгъуэщIхэри).

Префикс зы-, зэ-щатхыр.
2.Псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэм хузэпкърыхыфын.
II IЫХЬЭ. МОРФОЛОГИЕМРЭ ОРФОГРАФИЕМРЭ. БЗЭМ И КЪАБЗАГЪЭР

I. Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр
Морфологием теухуа гурыIуэныгъэ. Псалъэмрэ абы и формэхэмрэ. Псалъэм и грамматическэ
мыхьэнэр.
2. ЩыIэцIэ
I. ЩыIэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэу зэрыщыт: и мыхьэнэр, морфологическэ щытыкIэхэр, игъэзащIэ
синтаксическэ къалэнхэр. ЩыIэцIэр зэрызыхуагъазэ псалъэу къызэрыкIуэ. ЩыIэцIэ унейрэ зэдайрэ.
Географическэ
фIэщыгъэцIэхэр
къэзыгъэлъагъуэ
щыIэцIэхэр,
площадхэм,
историческэ
къэхъукъащIэхэм, революционнэ махуэшхуэхэм я фIэщыгъэцIэхэр хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ
зэратхыр; ахэр тхыгъэм щыхэтым кавычкэм щыдагъэувэр.
Закъуэ бжыгъэу фIэкIа къэмыкIуэ щыIэцIэхэр. Куэд бжыгъэу фIэкIа къэмыкIуэ щыIэцIэхэр.
ЩыIэцIэхэр падежкIэ зэхъуэкIа зэрыхъу. Падежхэм я мыхьэнэр. ЩыIэцIэхэм я склоненэ щIыкIитIыр
(белджылы, мыбелджылы). ЩыIэцIэ унейхэр падежкIэ зэхъуэкIа зэрыхъу щIыкIэр.
Падеж псомкIи зэхъуэкIа мыхъу щыIэцIэхэр. ЩыIэцIэр щыIэцIэм и определенэу къыщыкIуэм деж я
тхыкIэр. Урысыбзэм щыщ псалъэу адыгэбзэм къищтэ щыIэцIэхэм я тхыкIэр.
ЩыIэцIэхэр къызэрыхъу щIыкIэр.
2. ЩыIэцIэр зыгъэбелджылы псалъэ дэщIыгъуу къыщыкIуэм деж, падежкIэ зэхъуэкIа зэрыхъу
щIыкIэр тхыбзэм щагъэбелджылыфын. ЩыIэцIэхэм я склоненэ щIыкIитIыр я бзэм
къыщагъэсэбэпыфын (тхылъ седжащ, тхылъым седжащ).
ЩыIэцIэр щыIэцIэм и определенэу къыщыкIуэкIэ зэпыту ятх щыIэцIэхэр псалъэ зэхэлъхэм
хэмыгъэгъуэщэн (унэбжэ, джэдкъаз).
ЩыIэцIэ-синонимхэр я бзэм къыщагъэсэбэпыфу егъэсэн. Суффикс зэмылIэужьыгъуэхэр
къагъэсэбэпурэ зы псалъэм и мыхьэнэм зрагъэхъуэжыфын.
3. ПлъыфэцIэ
I. ПлъыфэцIэр псалъэ лъэпкъыгъуэу зэрыщыт: и мыхьэнэмрэ и морфологическэ щытыкIэмрэ,
игъэзащIэ синтаксическэ къалэнхэр.
ПлъыфэцIэхэр щыIэцIэхэм я гъусэу къыщыкIуэр, падеж кIэухыр зэрыпыувэр. ЩытыкIэ къызэрыкI
плъыфэцIэрэ зыщыщыр къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэрэ. ПлъыфэцIэхэм я зэгъэпщэныгъэ степенхэр.
Егъэлеиныгъэ степень.
ПлъыфэцIэр щыIэцIэм и определенэу къыщыкIуэм и деж и тхыкIэр. Урысыбзэм щыщу адыгэбзэм
къыхыхьа плъыфэцIэхэм я тхыкIэр.
ПлъыфэцIэр къызэрыхъу щIыкIэр.
ПлъыфэцIэ псалъэ зэхэлъхэр, абыхэм я тхыкIэр.
2. ПлъыфэцIэхэм я зэгъэпщэныгъэ степенхэр къэгъэлъэгъуэфын. ПлъыфэцIэ синонимхэр бзэм
къыщахьыфын. Мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэ псалъэм хэзылъхьэ суффиксхэр къагъэсэбэпыфын.
Мыхьэнэ зэдзэкIа яIэу плъыфэцIэхэр бзэм къыщагъэсэбэпыфын.
ПлъыфэцIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ предметым иIэ щытыкIэ зэхуэмыдэхэр
къагъэлъэгъуэфын.
Къагъэлъагъуэ щытыкIэхэр зэпэщIэуэу къызэрыкI плъыфэцIэхэр псалъэ-ухам къыщахьыфын
(псыгъуэ - гъум, псынщIэ - хьэлъэ).

Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ

яджа псалъэуха лIэужьыгъуэхэм хуэдэ къызэрыкIуэуи зэхэлъуи зэхэлъхьэн, ахэр тхыгъэм
щызэхацIыхукIыфын;
псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэмрэ етIуанэхэмрэ тхыгъэм щызэхэгъэкIын;
псалъэуха къызэрыкIуэхэм я кIэм, зэхэлъхэр зэрызэхэт Iыхьэхэм я кум нагъыщэхэр тэмэму щыгъэувын;
псалъэ зэлъэпкъэгъухэр нагъыщэкIи къэпсэлъыкIэкIи зэкIэлъыхьын;
псалъэ занщIэм нагъыщэхэр щыгъэувын;
синтаксическэ зэпкърыхыныгъэ щIын.
тхыгъэм бзэм и макъхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар зэхэгъэкIын (зы макъ, макъитI къэзыгъэлъагъуэ
хьэрфхэр);
макъзешэ э къапсэлъу хьэрф а щатхыр орфографиемкIэ зэгъэщIэн;
зэзыпх ы-р тхын, ар зыхэтым къеджэн;
псалъэр фонетическэ зэпкърыхыныгъэ щIын;
псалъалъэхэр (орфографиемкIэ псалъалъэхэри) къэгъэсэбэпын.
зыхуей псалъэхэм къаIуатэ мыхьэнэр гъэбелджылын (толковать щIын);
зыубзыху псалъалъэр къэгъэсэбэпын;
къаIуатэ мыхьэнэ елъытауэ (омонимхэр, синонимхэр, антонимхэр) псалъэхэр зэхэгъэкIын.
псалъэр зэхъуэкIа щыхъумрэ псалъэщIэ къыщыхъумрэ зэхэгъэкIын;
псалъэр зэрызэхэт мыхьэнэ зиIэ IыхьэхэмкIэ хузэпкърыхын;
префиксхэмрэ суффиксхэмрэ зэм псалъэр зэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэу къыщыкIуэмрэ зэми псалъэщIэ
къызэрыхъу щIыкIэу къыщыкIуэмрэ зэхэгъэкIын;
псалъэпкъым хыхьэ аффиксхэмрэ хэмыхьэхэмрэ зэхэгъэкIын;
префикс зы-, зэ- щатхыр.

щыIэцIэмрэ ар зыгъэбелджылы псалъэмрэ падежрэ бжыгъэкIэ щызэкIур тхыгъэм щызэхэгъэкIын;
склоненэ щIыкIитIыр тыншу къэгъэсэбэпын;
определительнэ щыIэцIэ зэпыту тхахэмрэ (унэбжэ) псалъэпкъ зэхыхьэу къэхъуа щыIэцIэ зэхэлъхэмрэ
(псынащхьэ) зэхэмыгъэгъуэщэн;
щыIэцIэ синонимхэр я бзэм къыщагъэсэбэпын.
плъыфэцIэхэм я зэгъэпщэныгъэ степенхэр къэгъэлъэгъуэн;
плъыфэцIэ-синонимхэр бзэм къыщыхьын;
предметым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэр плъыфэцIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къэгъэлъэгъуэн;
зэпэщIэуэ мыхьэнэ зиIэ плъыфэцIэхэр псалъэухам хэту къэхьын;
зы зэманым ит глаголыр нэгъуэщI зэманым игъэувэн;
зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэм (щыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ) суффикс, префикс
зэмылIэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпурэ зы псалъэм и мыхьэнэм зрагъэхъуэжын (псалъэщIэ къытегъэкIын);
определительнэ псалъэ зэпыщIахэм я тхыкIэр щыуагъэншэу къагъэсэбэпын (зэпыту, екъуа дэту щатхыр);
зи тхыкIэ тэмэмыр къыупщытэ мыхъу псалъэхэр тэмэму тхын (етхуанэ классым я тхылъым къыщыхьа
псалъэхэр).

4. Гъэ псом яджам къытегъэзэжын

5. Бзэм зегъэужьын1
Тхыгъэмрэ ар зэрызэхэт IыхьэмрэкIэ гурыIуэныгъэ
етын.
План къызэрыгуэкI.
Тхыгъэм и темэмрэ (убгъуауи мыубгъуауи) и гупсысэ
нэхъыщхьэмрэ.
Бзэм и стилымкIэ гурыIуэныгъэ етын. КъызэрыгуэкI
псэлъэкIэ, щIэныгъэ, художественнэ стилхэмкIэ
къызэрыкIуэ дыдэу гурыIуэныгъэ етын.
Тхыгъэхэм
къаIуатэм
убгъуауи
кIэщIуи
тепсэлъыхьыжын, описанием (хьэпшып, псэущхьэ
гуэрхэм теухуауэ) и Iуэхугъуэхэр хыхьэу.
Сочиненэ-описание (хьэпшып, псэущхьэ гуэрхэм
теухуауэ). ЕджакIуэхэм я гъащIэм къыщыхъуа,
къызэджа тхыгъэм теухуауэ ягъэува упщIэхэм жэуап
етын, езым къызэрыщыхъури къигъэлъагъуэу.
Сочиненэ-рассказ
тхын,
гъащIэм
къыщыхъуа
Iуэхугъуэм, сурэтым, иллюстрацэхэм (литературэмкIэ
ядж произведенэхэм хуащIахэм щыщхэри хыхьэу)
теухуауэ.

тхыгъэ гуэрым и темэр; абы гупсысэ
нэхъыщхьэу хэлъыр езым зэхилъхьа план
къызэрыгуэкIкIэ къэIуэтэн;
хьэпшып, псэущхьэхэм тетхыхьын;
тхыгъэ гуэрым къыщыIуэтар убгъуауи
кIэщIуи къыжыIэжын;
хьэпшып, псэущхьэ щхьэхуэхэм тетхыхьыным
теухуауэ кърата темэмкIэ сочиненэ тхын;
гъащIэм къыщыхъуа, сурэтым тещIыхьа
рассказ кIэщI зэхэлъхьэн;
зыгуэрым тетхыхьу тхыгъэ зэхэлъхьэн;
щытхэкIи
щыпсалъэкIи
лексическэ
синонимхэр къэгъэсэбэпын.

IV. Календарно –тематическэ план
№

Темэ

Сыхьэт
бжыгъэ

Зэман
щекIуэ
кIынур

1

03.09

1

05.09

1

10.09

1

12.09

5

Обществэм бзэм щиIэ мыхьэнэр. Бзэр зызыужь
къэхъугъэу зэрыщытыр. Бзэмрэ речымрэ.
Жьабзэмрэ тхыгъэбзэмрэ.
Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ лэжьыгъэ
щIыгъуу.
Щыуагъэхэм елэжьын.Псалъэр зэрызэхэтыр
къэпщытэжын. Макъзешэ а-мрэ э-мрэ щатхыр
къэпщытэжын.
ЩыIэцIэмрэ плъыфэцIэмрэ
къэпщытэжын.Определительнэ псалъэ зэпыщIахэр
къэпщытэжын. Словарнэ диктант.
Б/з. Изложенэм хуэгъэхьэзырын.

1

17.09

6

Б/З. Изложенэ тхын.

1

19.09

7
8

Глаголыр къэпщытэжын.
Псалъэ зэпхахэр. Псалъэ зэпхам щыщу
нэхъыщхьэмрэ кIэрыдзэнымрэ.
Псалъэуха. КъэIуэтыгъэм и мурадым елъыта
псалъэуха лIэужьыгъуэхэр.
Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.
Псалъэуха убгъуарэ мыубгъуарэ.

1
1

24.09
26.09

1

01.10

1

03.10

11

Псалъэухам и пкъыгъуэ етIуанэхэр. Дополненэ.

1

08.10

12

Определенэр.

1

10.10

I3

Обстоятельствэр.

1

15.10

14

Псалъэухар и пкъыгъуэкIэ зэпкърыхын.

1

17.10

15

Пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъу зыхэт псалъэухахэр.

1

22.10

16

1

24.10

17

Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ
лэжьыгъэ щIыгъуу.
Диктантым хащIыхьа щыуагъэхэм елэжьын.

1

29.10

18

Зэрызэхуагъазэ псалъэ.

1

12.11

19

Псалъэуха къызэрыкIуэхэмрэ зэхэлъхэмрэ.

1

14.11

20

Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ
лэжьыгъэ щIыгъуу.

1

19.11

1

2
3

4

9
10

щекIуэкIар

21

Щыуагъэхэм елэжьын.
.

1

21.11

22

Псалъэ занщIэ. Диалог.

1

26.11

23

Бзэм и макъхэр. Макъзешэхэр

1

28.11

24.

1

03.12

1

05.12

26.

Макъ дэкIуашэхэр. Макъ дэкIуашэ пIытIахэр. Iупэр
хъурейуэ хъууэ къапсэлъ макъ дэкIуашэхэр.
Зэбгъэдэт макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ
дэгухэмрэ.
Б/З. Изложенэм хуэгъэхьэзырын.

1

10.12

28

Б/З. Изложенэ тхын.

1

12.12

29

Пычыгъуэ. Ударенэ.

1

1712

30
31

Алфавитыр
Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ лэжьыгъэ
щIыгъуу.
Щыуагъэхэм елэжьын. Хьэрф ы, ъ- хэр
макъзэпэщIэхыу къыщыкIуэр. Бзэм и макъхэр
тхыгъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Псалъэр фонетикэ и лъэныкъуэкIэ зэрызэпкърах
щIыкIэр.Проект

1
1

19.12
24.12

1

26.12

1

09.01

1

14.01

35

ЛексэкэкIэ зэджэр. Псалъэм и мыхьэнэр. Мыхьэнэ
куэд зиIэ псалъэхэр. Псалъэм и мыхьэнэр зэхьэкIауэ
къэгъэсэбэпын
Омонимхэр.

1

16.01

36
37

Синонимхэр.
Антонимхэр.

1
1

21.01
23.01

38

Псалъэ зэхъуэкIыкIэмрэ псалъэ къэхъукIэмрэ.

1

28.01

39

КIэух. ЗэхъуэкIа зэрыхъу префиксхэр
ЗэхъуэкIа зэрыхъу суффиксхэр.
Псалъэпкъыр Псалъэр къызэрыхъу
префиксхэр,псалъэр къызэрыхъу суффиксхэр.
Псалъэ лъабжьэр.

1

30.01

1

04.02

1

06.02

Псалъэр зэрызэхэт IыхьэкIэ зэпкърыхын.
Псалъэпкъым и кIэм й щатхыр.
Макъзешэ [э ] къигъэлъагъуэу хьэрф а щатхыр.
Суффикс – у//-уэ- щатхыр,
Gрефикс зы -// зэ- щатхыр.
Словарнэ диктант.
Определительнэ псалъэ зэпыщIахэр зэпыту щатхыр.
Яджам къытегъэзэжын.

1
1

11.02
13.02

1
1

18.02
20.02

1

25.02

25.

32

33

34

40
41
42
43
44
45
46

1

27.02

1
1

04.03
06.03

1

11.03

1

10.04

52

Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ
лэжьыгъэ щIыгъуу.
Щыуагъэхэм елэжьын.
МорфологиекIэ зэджэр. Зи щхьэ хущыт псалъэ
лъэпкъыгъуэхэр. ЩыIэцIэм и мыхьэнэр.
Щы1эцIэ унейхэмрэ зэдайхэмрэ .
ЩыIэцIэм и закъуэ, куэд бжыгъэхэр
ЩыIэцIэм и падежхэр. ЩыIэцIэм и белджылы
мыбелджылы мыхьэнэхэр. Определенэ зыщIыгъу
щыIэцIэхэр падежкIэ зэхъуэкIа зэрыхъур. ПадежкIэ
зэхъуэкIа мыхъухэр.
Б/з. Изложенэм хуэгъэхьэзырын.

1

13.03

53

Б/з. Изложенэ тхын.

1

18.03

54

ЩыIэцIэр щыIэцIэм и определенэу
къыщыкIуэр.Урысыбзэм къыхихыу адыгэбзэм
къищта псалъэхэм я тхыкIэр.
ЩыIэцIэхэр къызэрыхъу щIыкIэр. Псалъэпкъ
зэхыхьэкIэрэ щыIэцIэ къызрыхъу щIыкIэр.
ЩыIэцIэр морфологие и лъэныкъуэкIэ зэпкърыхын.
Тест лэжьыгъэ.

1

20.03

1

03.04

1

08.04

Къызэрапщытэ диктант, грамматическэ
лэжьыгъэ щIыгъуу.
Щыуагъэхэм елэжьыжын.
ПлъыфэцIэ. ЩытыкIэ къызэрыкI, зыщыщ
къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэхэр.
ПлъыфэцIэхэм я зэлъытыныгъэ степенхэр.

1

10.04

1
1

15.04
17.04

1

22.04

1

24.04

62

ПлъыфэцIэр падежкIэ, бжыгъэкIэ зэхъуэкIа
зэрыхъур.
Б/З. Изложенэм хуэгъэхьэзырын.

1

29.04

63

Б/З. Изложенэ тхын.

1

06.05

64

Зэгъусэу къакIуэ щыIэцIэхэмрэ плъыфэцIэхэмрэ я
тхыкIэр. Урысыбзэм къыхихыу адыгэбзэм къищта
псалъэхэм я тхыкIэр.
ПлъыфэцIэхэр къызэрыхъу щIыкIэр. ПлъыфэцIэ
зэхэлъхэм я тхыкIэр.
ПлъыфэцIэр морфологие и лъэныкъуэкIэ
зэпкърыхын
КъызыщIэзыкъуэж къызэрапщытэ лэжьыгъэ

1

08.05

1

20.05

1

22.05

1

27.05

47
48
49
50
51

55

56
57
58
59
60
61

65
66
68

V. Литературэ
ЕджакIуэхэр зэреджэну пособиер , къагъэсэбэпыпхъэ тетрадыр.
1. Джаурджий Хь.З. Адыгэбзэ. 5 класс Налшык, 2015гъ.
2. Танащ Т.М. Зэрылажьэ тетрадь Налшык, 2013гъ.
3. Джаурджий Хь. 3., Джаурджий М. Ж. Адыгэбзэ. ЕджакIуэхэр зэрыгъуэзэн тхылъ. Налшык,
1997гъ.
ЕгъэджакIуэм къигъэсэбэпыпхъэ методическэ лэжьыгъэхэмрэ пособиехэмрэ.
1.
2.
3.
4.

Балэ Л.Ф. Изложенэхэмрэ сочиненэхэмрэ. (5-нэ-11-нэ классхэм папщIэ). Налшык, 2008гъ..
Джаурджий Хь. 3. Адыгэ пэжырытхэмкIэ лэжьыгъэхэр. Налшык, 1998гъ..
Джаурджий Хь. 3. Нагъыщэ гъэувыкIэм зэрыхурагъаджэ методикэ. Налшык, 2007гъ..
Тау Ж. Къу., УнэтлIокъуэ В. Хь. Диктантхэмрэ изложенэхэмрэ.(5-9 классхэм папщIэ).
Налшык, 2006гъ..

ДэIэпыкъуэгъу хъу литературэхэр, егъэджакIуэм папщIэ:
1. Джаурджий Хь. 3., Дзасэжъ Хь. Е. Адыгэбзэр зэраджын методикэ. Налшык, 1994гъ.
2. Джаурджий Хь. 3., Дзасэжь Хь. Е. АдыгэбзэмкIэ еджалъэм щIыгъу лэжьыгъэхэр. Налшык,
I993гъ
3. Урыс Хь. Щ., Зэхъуэхъу Л. Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр.
Налшык, 2005 гъ.
4. Джаурджий Хь. 3., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык, 1991.
ЕджакIуэхэм папщIэ:
1. Урыс Хь. Щ., Зэхъуэхъу Л. Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэхэмрэ я хабзэхэр.
Налшык, 1963.гъ.
2. Дзыгъуанэ Р. Хь., Шэру Н. Гъу. Адыгэбзэм и синонимхэм я псалъалъэ. Налшык, 1997гъ..
3. Джаурджий Хь. 3., Сыкъун Хь. Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык, 1991гъ.
4. Таблицы по грамматике.
Интернет – ресурсхэр:
1.
2.
3.
4.
5.
6.
7.
8.

http: //school.edu.ru
http: //www.kop.ru
http: //www. edu.ru/www.erudit.com.ru
http: //www.allmath.ru
http://www/uchportal.ru// 25-1-3504// учительский портал
http://www//exponent.ru/edukat\systemat/ методические разработки
http://www/ solnet/ru
http://scool/tdu/ru/коллекция ЦОР

I.

Зыубзыху тхыгъэ

Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэкIуэну нормативнэ тхыгъэхэр и лъабжьэу:
1. Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм
цIыхубэм
щIэныгъэ
егъэгъуэтынымкIэ
дыгъэгъазэм и пщыкIутIым 2012гъэм къищта
Законхэмрэ
Концепцэхэмрэ №273-Ф3, «ЕджэныгъэмкIэ щIэныгъэмкIэ Урысей федерацэм и закон»
2. Федеральнэ государственнэ стандартыр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ КъэбэрдейБалъкъэр республикэм и министерствэм жэпуэгъуэм и хым 2009 гъэм къищта Базиснэ
учебнэ план № 373 (зэхъуэкIыныгъэ хэлъу щэкIуэгъуэм и тIощIрэ хым 2010гъэм,
фокIадэм и тIощIрэ тIу 2011гъэм дыгъэгъазэм и пщыкIуий 2012 гъэм (п.19.5))
3.Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и министерствэм
къигъэлъэгъуа
пособиехэр,
предметымкIэ зэхэлъхьа типовойкIэ дызэджэ учебнэ
программэм зэхигъэува зэрылажьэ программэм теухуа положенэм япкъ иткIэ.
4.Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2 2022-2023 гъэ еджэгъуэм зэхигъэува учебнэ планым
ипкъ иткIэ.
5. Программэр
зэхэгъэуващ «Адыгэ (Къэбэрдей-Шэрджэс) литературэ 5-нэ-11-нэ
классхэм папщIэ программэ». Авторхэр: ХьэкIуащэ А.Хь. ,Абазэ А.Ч.,БакIуу Хь.И.,Гъут
I.М.,Ержыб А.Къу.,ТIымыжь Хь.Т.Налшык. 20I0 гъэм къыщыдэкIам тету.
Етхуанэ классым анэдэлъхубзэм и программэр джыным сыхьэт 34-рэ хухах.
Рабочэ программэр гъэзэщIэн папщIэ къэгъэсэбэпыпхъэ учебно- методическэ комплектыр:
1. Багъ Н. А.,Балэ Л.Ф. Агырбэ З. Т. Адыгэ литературэ. 5 класс Налшык, «Эльбрус» 2014.
2.Танащ Т.М. Зэрылажьэ тетрадь Налшык, 2015гъ.
3. Табыщ М. А. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ Къэбэрдей- Балъкъэрым и курыт
еджапIэхэм зэрыщегъэджын хуейм и методическэ чэнджэщхэр 2020 -2021 гъэ еджэгъуэм.
Етхуанэ классым адыгэ литературэр(родная (кабардино – черкесская) литература)
щегъэджыным къигъэув къалэнхэмрэ мурадхэмрэ:
 анэдэлъхубзэм и дахагъыр нэхъ къызыхэщ тхыгъэхэмрэ IуэрыIуатэм щыщ пкъыгъуэ
уардэхэмрэ сабийхэм егъэцIыхуныр;
 адыгэ тхакIуэ пажэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъэгъуэзэныр;
 тхыгъэ щхьэхуэхэр е езы дыдэхэм зэхалъхьа къэIуэтэныгъэхэр (изложенэ) я бзэкIэ
ятхыжыфу егъэсэныр;
 прозэу тха тхыгъэхэр я бзэкIэ къаIуэтэжыфрэ абы тепсэлъыхьыжу, усэхэм ящыщу
къагъэлъэгъуахэр гукIэ зэрагъэщIэфу егъэсэныр;
 анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщIэ хуащIу икIи иригушхуэу къэгъэхъуныр;
 еджакIуэхэм я бзэм зегъэужьын, я словарнэ запасым хэгъэхъуэн;
 иджыпсту къекIуэкI информационнэ ехъулIэныгъэхэм кIэлъыплъыфу, хэплъэфу, зыхуейр
къыхахыфрэ къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.
Адыгэ литературэр (родная( кабардино- черкесская) литература) Iэмал имыIэу яджын хуей
предметхэм ящыщщ. Абы къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ щIэблэр бзэм и IэфIыр зыхищIэу,
фIагъ-дахагъымрэ гурымыхьымрэ зэхигъэкIыфу, лъэпкъми цIыхубэми лIэщIыгъуэкIэрэ
къадэгъуэгурыкIуэ художественнэ дуней еплъыкIэ телъыджэр игъэбатэу къэхъунымкIэ. Ар зи
акъыл зэфIэувэ ныбжьыщIэм щIэгъэкъуэн хуохъу и анэдэлъхубзэмрэ Хэкумрэ фIыуэ илъагъуу,
дэтхэнэ лъэпкъми и фIыр илъытэу, дунейпсо щэнхабзэм щыгъуазэрэ езым и лъэпкъ щэнхабзэр
абы ирилъытыжыфу къэхъунымкIэ.
Литературэр убгъуауэ джыным кърокIуэ еджакIуэхэм я бзэм зиузэщIыныр, фIагъ-дахагъым
и хабзэхэр бзэм зэригъэшэрыуэ Iэмалхэр къагурыIуэныр, лъэпкъ литературэм и зыужьыкIэмрэ и

щытыкIэмрэ
щыгъуэзэныр,
абы
и
тхыдэм
къыхэщ
лъэхъэнэ
нэхъ
инхэр
къыхагъэщхьэхукIыфыныр, художественнэ тхыгъэр и фIагъ-дахагъхэмкIэ екIуу зэпкърихыфу
есэныр, литературэм и теориемрэ и хабзэ нэхъыщхьэхэмрэ ящIэныр.
Етхуанэ классым щеджэ еджакIуэхэм адыгэ литературэмкIэ ягъэзэщIапхъэ лэжьыгъэхэр, я
зэфIэкIхэр, щIэныгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ ахэр зыхуэунэтIахэр (компетенцэ елъытауэ).
ЩIэныгъэм и фIагъыр къэзыгъэлъагъуэ унэтIыныгъэхэр:
 предметымкIэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр ( предметные компетенции);
 гъащIэм, цIыхухэм яхэтынымкIэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр (социальные компетенции);
 культурэ куэдым хэзэгъэнымкIэ, ар зыхащIэнымкIэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр
( поликультурные компетенции);
 информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпыкIэм ехьэлIау ягъуэт лъэкIыныгъэхэр
(информационные компетенции);
 гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэкIыныгъэхэр (общекультурные компетенции).
Етхуанэ классым щадж темэхэм къыдэкIуэу еджакIуэхэм лъэпкъ литературэм и тхыгъэ
куэдыр нэхъ куууэ ядж, абы къыхэкIыу Iэмал имыIэу езыр-езыру ялэжьхэр, творческэ проектхэр,
бзэм теухуа къэхутэныгъэхэр нэхъыбэу хэгъэхьэпхъэщ.

II.

ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын, ящIэн хуейуэ къигъэувхэр:

ЕджакIуэм езым еджэныгъэм хуиIэ щытыкIэр (личностные)– бзэр лъэпкъ щэнхабзэр
къэзыгъэлъагъуэ формэу зэрыщытыр, лъэпкъым и бзэмрэ и тхыдэмрэ быдэу зэрызэпыщIар,
адыгэбзэм къыщхьэщыкIыныгъэу, гъэщIэгъуэнагъыу хэлъхэр къыбгурыIуэнырщ, бзэм дахэу,
щэныфIэу урипсалъэу зыбгъэсэнырщ.
Личностнэ ехъул1эныгъэхэр:
 дахагъэмрэ бзэм и къулеягъэмрэ зыхащIэн, я бзэм зегъэужьын;
 хэкур фIыуэ лъагъун, абы и тхыдэр, хабзэр зэгъэщIэн;
 еджэным, литературэм дихьэхын;
 зэджа художественнэ тхыгъэм хэлъ унэтIыныгъэ тэмэмыр къыхэхын;
 адрей лъэпкъхэя я культурэм пщIэ хуэщIын.
А ехъулIэныгъэхэм улъэIэсынымкIэ сэбэп хъунущ тхылхым ит текстхэр, Iупщ1эхэмрэ
лэжьыгъэхэмрэ, проблемнэ егъэджэкIэр, н.гъу.
Метамредметнэ есэныгъэхэм хохьэ УУД-р
Регулятивнэ УУД:
 езыр-езыру урокым и темэмрэ мурадымрэ къихутэфмэ;
 езыр езыру мурадым лъэIэсыфмэ;
 план зэхилъхьэрэ абы тету лэжьэфмэ, и лэжьыгъэр зэригъэзэхуэфмэ;
 егъэджак1уэм щ1ыгъуу и жэуапыр къызэпкърихыфмэ, езым оценкэ зыхуигъэувыжыфмэ.
Познавательнэ УУД:
 езыр – езыру сыт хуэдэ текст лIэужьыгъуэми къеджэфу, и мыхьэнэ нэхъыщхьэр
къигъуэтыфу;
 текстым информацэ нэхъыщхьэр къыхихыфу зэджар нэгъуэф формэ ищIын (план,
таблицэ, схемэ зэхилъхьэу);
 зэджам тепсэлъыхьыжын псалъалъэхэмкIэ, справочникхэмкIэ лэжьэфу.
Коммуникативнэ УУД:
 езым и Iуэху бгъэдыхьэкIэ иIэжу утыкум къыщыпсэлъэфу, адрейхм я Iуэху еплъыкIэ
зэпкърихыфу;
 еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм зэригъэпщэфу, итIанэ пэжыр къыхихыфу;
 упщIэ итыфу, абы и жэуапыр нэгъуэщIхэм ящIыгъуу къилъыхъуэфу;
 нэхъуэщIым и лэжьыгъэр къипщытэфу;
 и гупсысэхэр жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи щыуагъэншэу зэгъэкIуауэ къиIуэтэфу;
 утыкум жьакIуэу къыщыпсэлъэфу.
Предметнэ есэныгъэхэм хохьэ:
 IуэрыIуатэм еджэфу, ар къыгурыIуэу, абы къыщыIэта Iуэхугъухэр нэгъуэщIым ирипхыфу
(иллюстрацэ, мультипликацэ, художественнэ фильм);
 адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ хабзэмрэ а тхыгъэхэм къыхигъуэфу, абыхэмкIэ зигъасэу
 езыр –езыр зэджэнухэр къигъуэту, еджэу;
 IуэрыIуатэм и жанр нэхъ цIыкIухэр жьэрыIатэбзэми тхыбзэми къыщиIуэтэфу;
 гъэхуауэ, зэхэщIыкIыгъуээу къеджэфу;
 тхыгъэ зэджар зытеухуамрэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ къыгурыIуэу;
 езыр –езыру тхыгъэ (текст) цIыкIухэр зэхилъхьэфу

ЖьэрыIуатэу:
 художественнэ тхыгъэхэм гупсэхуу, гъэхуауэ къеджэн. ГукIэ зэрагъэщIа усэхэр е
пычыгъуэхэр къекIуу, щымыуэу жаIэжыфу щытын;
 классым щаджа тхыгъэхэм я купщIэхэр къаIуэтыжыфу егъэсэн;
 щыгъуазэ зызыхуащIа тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэм я IуэхущIафэ щхьэхуэхэм
тепсэлъыхьыфу, нэгъуэщIхэм ирагъэпщэфу щытын;
 езыр-езыру унэм щаджа художественнэ тхыгъэхэм, ягу ирихьа сурэтым,
ялъэгъуакинофильмым тепсэлъыхьыжын;
 илъэгъуа е зи тхыгъэ еджа тхакIуэм и сабиигъуэм теухуауэ кIэщIу къэIуэтэжын.
Яджахэр я щапхъэу къуажэхь, псалъэжь, псысэ кIэщIхэр зэхалъхьэфу щытын.
Тхыгъэу:
 зэджа тхыгъэхэм е пычыгъуэхэм я план зэхэлъхьэн, абы ипкъ иткIэ тхыгъэ мыинхэр
ятхыфу щытын;
 щыгъуазэ зызыхуащIа тхыгъэхэм, абыхэм хэт лIыхъужьхэм, сурэт ялъэгъуам,
псалъэжь щхьэхуэм, и нэгу щIэкIа Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ сочиненэ кIэщIхэр
зэхэлъхьэн.
ЕджакIуэхэм ящIэн хуейщ:
 яджа художественнэ тхыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэр, абыхэм я гъащIэм теухуа хъыбар
кIэщIхэр; зэджа тхыгъэхэр зытеухуахэр, абыхэм я сюжетхэмрэ хэт лIыхъужьхэмрэ;
гукIэ зэрагъэщIэну къэгъэлъэгъуахэр;
 литературэм и теориемкIэ зэхэщIыкIыныгъэ пыухыкIахэр: IуэрыIуатэкIэ зэджэр,
абырэ литературэмрэ я зэпыщIэныгъэр, литературэ псысэр, литературэм и
пкъыгъуэхэр, усэмрэ прозэмрэ я зэщхьэщыкIыныгъэхэр, эпитетыр, зэгъэпщэныгъэр,
къэгъэпсэуныгъэр, н.
ЕджакIуэхэм яхузэфIэкIын хуейщ:
 щыгъуазэ зызыхуащI тхыгьэхэм Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр
 къыхагъэбелджылыкIыныр;
 зэджа тхыгъэхэм щекIуэкIхэр къыщыхъу зэманыр, къыщIэхъу щхьэусыгъуэхэр
къахутэныр; литературэм и теорием теухуауэ щыгъуазэ зызыхуащIа художественнэ
Iэмалхэр ящIэныр, зэджа тхыгьэхэм ахэр къыхагъуэтэныр;
 егьэджакIуэм игьэув упщIэхэм япкъ иткIэ зэджа тхыгьэхэм хэт лIыхъужьхэм тэмэму
тепсэлъыхьыныр.
 художественнэ тхыгьэхэм гъэхуауэ къеджэныр, зы дакъикъэм псалъищэ е щэрэ
пщIырэ и псынщIагьыу;
 тхыгьэ зэджахэм щыщ пычыгьуэ щхьэхуэхэр жьэрыIуатэуи тхыгъэкIи къэIуэтэныр,
абыхэм хэт лIыхъужьхэм тхыгъэуи жьэрыIуатэуи тепсэлъыхьыныр; тхыгьэ цIыкIу
зырызхэм план хуэгъэувыныр, лIыхъужь щхьэхуэхэм теухуауэ жьэрыIуатэу рассказ
зэхэлъхьэныр;
 классым щаджа е езыр-езыру щыгъуазэ зызыхуащIа тхыгьэхэм жьэрыIуатэу рецензэ
етыныр, езы еджакIуэхэм я Iуэху еплъыкIэр щыгьэбелджылауэ;
 зэреджэ тхылъхэр, хрестоматиехэр, зэрыгъуазэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр тэмэму
къэгьэсэбэпыныр.
Адыгэ литературэр щебгъэджкIэ къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэкIуэну Iэмалхэр
(методхэр):
къэпщытэныгъэ,
къэIуэтэныгъэ,
зэгъэпщэныгъэ,
къэхутэныгъэ,
прпродуктивнэ,
репродуктивнэ, нэгъуэщIхэри.
Мы къэкIуэну щытыкIэхэр (формэхэр): джэгу-зэпеуэ, тест лэжьыгъэхэр, щхьэзакъуэ
лэжьыгъэхэр, къэуIэтэныгъэ, зэпсэлъэныгъэ, къэуIэтыныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ
зэгъусэу, нэгъуэщIхэри

ЕджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэр къызэрапщытэ щIыкIэхэр:
 жьэрыIуатэу блэкIа темэхэр къапщытэкIэрэ
 щхьэзакъуэ лэжьыгъэ ягъэзащIэкIэрэ
 тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхкIэрэ
 тест лэжьыгъэхэр ягъэзащIэкIэрэ, нэгъуэщIэхэри.
Етхуанэ классым щеджэ еджакIуэм оценкэ зэрыхуагъэув щIыкIэхэр:
ЖьэрыIуатэ жэуапхэм:
«5» ягъэув ядж произведенэм и текстыр тэмэму ищIэмэ икIи куууэ къыгурыIуэмэ; абы хэт
цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я IуэхущIафэхэр, Iуэхугъуэхэм я
зэкIэлъыкIуэкIэр къызэрыгъэлъэгъуар икIи тхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ
средствэхэм я мыхьэнэр къыгурыIуэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищIэмэ, теорием
теухуауэ иIэ щIэныгъэр нэсу къигъэсэбэпмэ; произведенэм и содержанэм щытепсэлъыхькIэ
лъэхъэнэм, гъащIэм ирипхыфмэ; и бзэр дахэмэ , къулеймэ, гъэхуауэ икIи зыхищIэу,
псынщIагъ мардэм тету къеджэмэ.
«4» ягъэув ядж произведенэм и текстыыр тэмэму ищIэмэ икIи къыгурыIуэмэ; абы хэт
цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я IуэхущIафэхэр, Iуэхугъуэхэм я
зэкIэлъыкIуэкIэр къызэрыгъэлъэгъуар икIи тхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ
средствэхэм я мыхьэнэр къыгурыIуэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищIэмэ,
произведенэр щызэпкърихкIэ литературэм и теориер къигъэсэбэлыфмэ; лъэхъэнэм, зэманым
епхауэ произведенэр зэпкърихыфмэ; и бзэр, къеджэкIэр мыIеймэ. Ауэ и жэуапым
щыщIэныгъэу зы е тIу нэхъыбэ хэмытмэ.
«3» ягъэув, ядж произведенэр зэрищIэр икIи къызэрыгурыIуэр и жэуапым къуигъащIэмэ;
произведенэм хэт цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэр, я хьэл-щэнхэр, я IуэхущIафэхэр,
Iуэхугъуэхэм я зэхэлъыкIэр къызэрыгъэлъэгъуар икIи тхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ
средствэхэм я мыхьэнэр къызэрыгурыIуэр къыжиIэфмэ; литературэм и теориер ищIэмэ, ауэ
произведенэр щызэркърихкIэ тэмэму къимыгъэсэбэпымэ; произведенэм и содержанэм
щытепсэлъыхькIэ лъэхъэнэм, гъащIэм иримыпхыфмэ; и бзэм, къеджэкIэм щыщIэныгъэ куэд
иIэмэ; и жэуапым зэкIэлъыкIуэкIэ тэмэм имыIэмэ.
«2» ягъэув ядж произведенэм и текстым емыджамэ, содержанэри щIагъуэу имыщIэмэ;
литературэм и теорием щыщ гуэрхэри имыщIэмэ; и бзэм, и къеджэкIэм зыкIи аразэы
укъимыщIмэ.
Тхыгъэ лэжьыгъэхэм:
«5» ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгурыIуэмэ икIи зэкIэлъыкIуэу,
гурыIуэгъуэу, тэмэму къиIуэтэжамэ, псалъэухахэр екIуу иухуамэ, псалъэ лей
къыхимыгъэхьамэ, пэжырытхэмкIэ зы щыуагъэ фIэкI имыщIамэ, нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ
щыуагъэу зы фIэкIа хэмытмэ.
«4» ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгурыIуэмэ икIи зэкIэлъыкIуэу,
гурыIуэгъуэу, къиIуэтэжамэ, стилистическэ щыуагъэу зы – тIу, пэжырытхэмкIэ щыуагъэу
тIу, нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ щыуагъэу зы – тIу фIэкIа хэмытмэ.
«3» ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр мыIейуэ
къыгурыIуэмэикIи къиIуэтэжмэ, ауэ
къэIуэтэжыкIэм щыуагъэу зы – тIу нэхъыбэ хэмытмэ е и зэкIэлъыкIуэкIэм ныкъусаныгъэ
мащIэ фIэкI имыIэмэ, тхыгъэм хэт стилистическэ щыуагъэхэр щы, пэжырытхзэмкIэ икIи
нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ щыуагъэхэр зэхэту блы нэхъыбэ мыхъумэ.
«2» ягъэув, къызэджар къызэрыгурымыIуар къыщиIуэтэжым къигъэлъагъуэу щыуагъэ
зыбжанэ ищIамэ, тхыгъэм зэкIэлъыкIуэныгъэ, зэпхыныгъэ яку имылъамэ, стилистическэ
щыуагъэ зыбжанэ хэтмэ, пэжырытхэмкIэ, нагъыщэ гъэувыкIэмкIэ щыуагъэхэр зэхэту блы
нэхъыбэ ищIамэ.
Къызэрапщытэ лэжьыгъэхэм:
«5» ягъэув орфографическэ щыуагъэ е пунктуационнэ щыуагъэ зы фIэкI хэмытмэ.
«4» ягъэув орфографическэ щыуагъэу тIу пунктуационнуиэ щыуагъэу тI у фIэкI хэмытмэ е
орфографическэ щыуагъэу зы нэхърэ пунктуационнэ щыуагъэу щы нэхърэ нэхъыбэ зыхэмыт
диктантым.

«3» ягэув щыуагъэхэм я бжыгъэр орфографическэу плIырэ пунктуационнэу плIым е
орфографическэу щырэ пунктуационнэу тхум щIимыгъуу щытмэ, е офографическэу зыри
хэмыту пунктуационнэу блы зыхэтым.
«2» ягъэув орфографическэ щыуагъэр блым, пунктуационнэ щыуагъэр блым щхьэдэхамэ е
орфографическэу хырэ пунктуационнэу ирэ, орфографическэу тхурэ пунктуационнэу бгъурэ,
орфографическэу ирэ пунктуационнэу хырэ хэтмэ.

III. Учебнэ предметым и зэхэлъыкIэр
№
1.
2.
3.
4.
5.
6.
7.
8.
9.
10.
11.
12.
13.
14.
15.
16.
17.
18.
19.
20.
21.
22.
23.

Разделхэмрэ темэхэмрэ
Адыгэ IуэрыIуатэ
КIыщокъуэ Алим
Акъ Мухьэрбэч
Адыгэ джэгуакIуэ- усакIуэхэр
Цагъуэ Нурий
Бештокъуэ Хьэбас
Уэхъутэ Абдулыхь
Къашыргъэ ХьэпащIэ
Кулиев Къайсын
КIуащ БетIал
Журт Биберд
Хьэнфэн Алим
Щомахуэ Амырхъан
Къагъырмэс Борис
Басня
ЩоджнцIыкIу Алий
БакIуу Марие
Гъэунэ Борис
Тхьэгъэзит Зубер
Проект
Тест лэжьыгъэ
Б/З.
Вн/къ.

Псори

Сыхьэт
4
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
1
2
4
2
34

Адыгэ литературэр щебгъаджэкIэ къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэкIуэну
Iэмалхэр (методхэр):
-къэхутэныгъэ,
-проектнэ,
-зэгурыIуэныгъэ,
-продуктивнэ,
-репродуктивнэ,
-проблемнэ егъэджэныгъэ,
-еджакIуэхэм къазэрыщыхъу,
-экскурс, нэгъуэщIхэри:
Мы къэкIуэну щытыкIэхэр (формэхэр):
-щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр,
-къэIуэтэныгъэ,
-зэпсэлъэныгъэ,
-къэIуэтэныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщIхэри

ЕджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэр къызэрапщытэ щIыкIэхэр:
- жьэрыIуатэу блэкIа темэхэр къапщытэкIэрэ,
- тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхкIэрэ,
-тест лэжьыгъэхэр ягъэзащIэкIэрэ,
-художественнэ тхыгъэр зэпкърахкIэрэ, нэгъуэщIэхэри.

Егъэджэныр зэрызэхэлъымрэ
къызэщIиубыдэмрэ
I.Хэзыгъэгъуазэ. Литературэр гъуазджэм
и зы пкъыгъуэу зэрыщытыр.
2.Адыгэ IуэрыIуатэ. Абы и пкъыгъуэхэр.
IуэрыIуатэкIэ зэджэмрэ,абы и
пкъыгъуэхэмрэ.
«Бажэ хеящIэ.» Таурыхъыр зытеухуа
Iуэхугъуэр.

Нэхъыщхьэу ягъуэтын хуей щIэныгъэмрэ
есэныгъэмрэ
ЕджакIуэхэм я гупсысэм,зэхэщIыкIым
зегъэужьын,псалъэкIэ тэмэм ящIэн,дахагъэр
зищIысыр къагурыIуэн.
Таурыхъхэр,нэгъуэщIу мы жанрым зэреджэхэрпсысэ,щыпсэ.

Таурыхъым дызыхуиущийр: фIы
къыпхуэзыщIэм фIыуэ ухущытыжыныр; зэгуэр
фIы къыпхуэзыщIам ухуэмеиж хъуа щхьэкIэ,
лей емыхыжыныр, сыт щыгъуи захуэм и
телъхьэу щытыныр.
«Джэду хьэжы» Таурыхъыр зытеухуар.
Псэущхьэхэм ятеухуами, цIыхухэм я гъащIэм
ещхьу абыхэм къахэщыжыр.
«ПкIауэ.» Таурыхъым и зэхэлъыкIэр.
Зэш трагъэууэ цIыхум и Iэмалшыгъэхэм
зрагъэужьу зэрыщытар.
«Къэблэжьар лъапIэщ.» Таурыхъым и Лэжьыгъэм цIыхур зэхэщIыкI иIэу зэригъасэр.
сюжетымрэ лIыхъужь нэхъыщхьэ хэтымрэ.
«Иныжьым и къан.» Таурыхъым и
ЦIыхубэ таурыхъхэр; таурыхъ лIэужьыгъуэхэр.
зэхэлъыкIэмрэ къэIуэтэкIэм хэлъ
хьэдэмэтагъхэмрэ.
Псалъэжьхэр. Къуажэхьхэр. Къуажэхьхэм, Хъыбар
гъэщIэгъуэн
зиIэ
псалъэжьхэр.
псалъэжьхэм я тематикэр.
Къуажэхьхэм
сабийм
и
зэхэщIыкIым
зэрызигъэужьыр.
ПсынщIэрыпсалъэхэр. Ахэр зищIысыр.

Анэдэлъхубзэр фIыуэ пщIэнымкI, ар
бгъэбзэрэбзэфу ущытынымкIэ мы IуэрыIуатэ
лIэужьыгъуэм мыхьэнэуэ иIэр.
КIыщокъуэ А.П. УсакIуэм теухуа псалъэ. Лъэпкъым и зэхэщIыкIыр, и Iуэху еплъыкIэр, и
«Елбэздыкъуэ.»Литературнэ
псысэ. хьэл-щэн нэхъыфIхэр Елбэздыкъуэ и образыр.
Елбэздыкъуэ и образыр.
Литературнэ псысэкIэ зэджэр.
Акъ М.У. УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Маргъын и шабзэ.» Зытеухуар.Образхэр.

Пэжагъыр,цIыхугъэр мыхъумыщIагъэхэм
текIуэныр хъыбархэм зэранэщэнэр,ар зэпхар.
ЦIыхум и насыпыр езыр-езыру
къызэрымыкIуэр, ар ерыщагърэ лIыгъэкIэ
къэхьын зэрыхуейр тхыгъэм къызэрыхэщыр.
ДжэгуакIуэ-усакIуэхэм я тхыгъэхэм цIыхумрэ
Адыгэ джэгуакIуэ-усакIуэхэр. Абыхэм щIыуэпсымрэ зэрызэпыщIар къызэрыхэщыр,
лъэпкъ
литературэр
зэфIэувэнымкIэ дыкъэзыухъуреихь дунейм
ягъэзэщIа лэжьыгъэр.
тэмэму хущытын зэрыхуейм дызэрыхураджэр.
ПащIэ Б.М.УсакIуэм теухуа псалъэ. Гугъэр адэщIэиныфIу цIыхум
«Бэлыхь зимыIэр захуагъэщ.»
къызэрыдэгъуэгурыкIуэр усэм
къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Уэхъутэ А.Н.ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Дудакъ.» Рассказым дызыхуриджэр.

ЦIыхум хэлъ гуапагъэр, гущIэгъур
къуалэбзухэми зэрызэхащIэр. Рассказ
жанрыр,Усэмрэ прозэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр.

Цагъуэ Н.А.ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Уэсыр сытым къыхэкIрэ?» -зытеухуар.
Бещтокъуэ Хь.Къ.УсакIуэ теухуа псалъэ.
«Уэсым и гъуэгуанэ.» -зытеухуар.
Мечиев К.Б. УсакIуэм теухуа псалъэ.

Тхыгъэр рассказ тхыгъэ лIэужьыгъуэ
щIыхыхьэр.
Усэм и гъэпсыкIэр.

Хьэнфэн А.М.ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Мывэ
къуэлэн
цIыкIу.»
Къуажэ
фызыжьхэм я образхэр.
Щомахуэ А.Къ. УсакIуэм теухуа псалъэ.
«Зэраншу.»
Къэгъырмэс Б.Хь.ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«Псори зыщIэ Болэт.», «Хьэдзыгъуанэмрэ
бжьэмрэ», «Укъызэрынэжыну зыщI.»
ЩоджэнцIыкIу А.I. УсакIуэм теухуа
псалъэ. «Май». Гъэм и дахагъымрэ лъахэм
и зыужьыныгъэмрэ къызэрыхэщыр.
БакIуу М.И.ТхакIуэм теухуа псалъэ.
«ЩIакхъуэ»-зытеухуар.

Рассказым и гъэпсыкIэр.

Хэку зауэшхуэр ди сэлэтхэм я текIуэныгъэкIэ
«Си къуэм папщIэ» усэм и гупсысэ
нэхъыщхьэр.
Къашыргъэ
Хь.Хь. ТхакIуэм теухуа Тхыгъэм
и
гупсысэ
нэхъыщхьэр,
псалъэ. «Зы жэщ» рассказыр зытеухуар. художественнэ гъэпсыкIэр.
Анэм и образыр.
Кулиев Къ.Ш. УсакIуэм теухуа псалъэ. Ущииныгъэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэуэ тхыгъэм
«Анэ» тхыгъэр зытеухуар.
иIэр.
КIуащ Б.И.УсакIуэм теухуа псалъэ. «Си ЕджакIуэм
ныбжьэгъу
пэж
тхылъыр
гъусэщ.»-зытеухуар.
хуэхъунымкIэ
усэм
иIэ
мыхьэнэр.
Зэгъэпщэныгъэ,къэгъэпсэуныгъэ
художественнэ Iэмалхэр.
Журт Б.Къу. ТхакIуэм теухуа псалъэ.
РассказымкIэ авторым къыджиIэну зыхуейр.
«Адэ лъапсэжь.» Хьэжсуф и образыр.

Усэм и гъэпсыкIэр.Ауанымрэ гушыIэмрэ.
Болэт и хьэл-щэнхэр.Басняхэм къыхэщ цIыху
хьэл-щэнхэр.
Усэм и гъэпсыкIэр, бзэр.

Ерыскъым пщIэ зэрыхуэщIын хуейр. Рассказым
и
гъэпсыкIэр,
и
бзэр.
Диалогымрэ
монологымрэ.
Гъэунэ Б.Хъ.ТхакIуэм теухуа псалъэ. «Уэ Рассказым и гъэпсыкIэр, бзэр. Эпитетыр , абы и
къэкIуэж
закъуэ,
папэ»
рассказым къэгъэсэбэпыкIэр.
къыщыгъэлъэгъуар.
Гъубжокъуэ Л.М.ТхакIуэм теухуа псалъэ. Рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэр, хэлъ ущие
«Бжьэ къэпщIахэр»-зытеухуар.
дахэр. Литературнэ лIыхъужьым теухуауэ.
Тхьэгъэзит З.М.УсакIуэм теухуа псалъэ. Усэм и гъэпсыкIэр, бзэр.
«Гуапагъэ.»-усэмкIэ «фIы щIэн» къалэн
лъапIэм къызэрыхуриджэр.

IV.
№

Календарно –тематическэ план
Темэ

1.

2.

3.
4.

5.

6.
7.
8.
9.

10.
11.
12.
13.
14.
15.

16.

17.

Сыхьэт
бжыгъэ

Зэман

Литературэр гъуазджэм и зы пкъыгъуэу, абы
гъащIэр къигъэлъагъуэу зэрыщытыр. IуэрыIуатэкIэ
зэджэмрэ абы и пкъыгъухэмрэ. ЦIыхур гъэсэнымкIэ
IуэрыIуатэм и зэфIэкIыр.
«Бажэ хеящIэ», «Дзыгъуэхэм я хейр джэдум
зэрищIар» таурыхъхэм дызыхуаущийр , цIыхухэм я
гъащIэм ещхьу абыхэм къахэщыжхэр.
КлассщIыб еджэныгъэ «Къарэ лъакъуищ»
псысэр.
Лэжьыгъэм цIыхур зэхэщIыкI иIэу зэригъасэр
« Къэблэжьар лъапIэщ» таурыхъым
къызэрыгъэлъэгъуа щIыкIэр. «Иныжьым и
къан»таурыхъым и зэхэлъыкIэмрэ къэIуэтэкIэм хэлъ
хьэлэмэтагъымрэ
Къуажэхь джэгукIэр, езы псалъэр къыщIежьар,а
IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэм сабийм и зэхэщIыкIым
хэхъуэнымкIэ мыхьэнэуэ иIэр. Псалъэжьхэм я
тематикэм гъащIэм и лъэныкъуэ псори
къызэрызэщIиубыдэр.
Б/з. Сочиненэм хуэгъэхьэзырын «Сэ сигу ирихьа
псысэр»
Б/з. Сочиненэ тхын.«Сэ сигу ирихьа псысэр»

1

07.09

1

14.09

1

21.09

1

28.09

Тест лэжьыгъэ.
КIыщокъуэ Алим «Елбэздыкъуэ» псысэм зэшхэм я
къэрэбгъагъэмрэ Елбэздыкъуэ иIэ лIыгъэмрэ
къызэрыщыгъэлъэгъуар. Литературэм и теорие.
ПащIэ Бэчмырзэ и «Бэлыхь зимыIэр захуагъэщ»усэм
дыкъызыхуриджэр
Цагъуэ Нурий . «Уэсыр сытым къыхэкIрэ?»
рассказым къыщы1эта 1уэхугъуэ нэхъыщхьэхэр
Бещтокъуэ Хьэбас. «Уэсым и гъуэгуанэ» тхыгъэхэм
и гупсысэ нэхъыщхьэр
Б/З.Сочиненэм зыхуэгъэхьэзырын «Щ1ымахуэм
и теплъэгъуэхэр».
Б/З. Сочиненэр егъэтхын « Щ1ымахуэм и
теплъэгъуэхэр»
Мечиев К.Б. теухуа псалъэ,и лъэпкъым и
щхьэхуитыныгъэм щIэбэну къуэм зэрихьэ лIыгъэр
«Си къуэм папщIэ» усэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
Уэхъутэ Абдулыхь. Дыкъэзыухъуреихь дунейр
хуэсакъыу хъумэн зэрыхуейм «Дудакъ» рассказым
дыкъызэрыхуриджэр.
КъашыргъэХьэпащIэ. «Зы жэщ» рассказым Хэку
зауэшхуэм и зэман хьэлъэр къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. Литературэм и теорие.

щекIуэкIынур

05.10

1

12.10

1

19.10

1
1

26.10
09.11

1

16.11

1

23.11

1

30.11

1

07.12

1

14.12

1

23.12

1

13.01

1

18.01

щекIуэкIар

18. Кулиев Къайсын теухуа псалъэ . Анэм и быным
хуиIэ лъагъуныгъэр, хуэмыпшыныжын къалэн абы
зэрыхуищIэр «Анэ» усэм къызэрыхэщыжыр.
19. Б/З. «Анэр нэм хуэдэщ» сочиненэм
хуэгъэхьэзырын.
20. Б.З.«Анэр нэм хуэдэщ» сочиненэр егъэтхын.

1

25.01

1

01.02

1

08.02

21. К1уащ БетIал. Тхылъым къалэн зэхуэмыдэу цIыхум
хуищIэр «Си гъусэщ» усэм
къызэрыщыгъэлъэгъуар.Литературэм и терие. Усэм
и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр. Зэгъэпщэныгъэ.
Къэгъэпсэуныгъэ
22. Журт Биберд. Зауэм и бэлыхьыр «Адэ лъапсэжь»
рассказым къызэрыхэщыжыр. Тест лэжьыгъэ
23. Хьэнфэн Алим «Мывэ къуэлэн цIыкIу» рассказым
къыхэщыж образхэр
24. Щомахуэ Амырхъан, «Зэраншу» ауан усэр
зэрытехуар. Литературэм и теорие.
25. Къагъырмэс Борис. Иджырей еджакIуэхэм я
гъащIэр, я IуэхущIафэхэр, зэхэщIыкI- гупсысэхэр
«Псори зыщIэ Болэт» рассказым
къызэрыщыгъэлъэгъуар
26. ЩоджэнцIыкIу Алий. Гъэм и дахэгъуэ лъэхэнэр
«Май» усэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.
27. БакIуу Марие. Ерыскъым пщIэ зэрыхуэщIын хуейр
рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр
Проект
28. Гъэунэ Борис. Зауэм къимыкIыжа и адэм сабийм
хуиIэ лъагъуныгъэм и кууагъыр «Уэ къэкIуэж
закъуэ, папэ!» рассказым къызэрыхэщыр
29. Зауэ нэужь илъэсхэм цIыхухэм я псэукIар тхыгъэм
къызэрыхэщыр. Литературэм и теорие . Эпитетыр
30. Б/З. Сочиненэм «Дыхуейкъым дэ зэи зауэ»
зыхуэгъэхьэзырын

1

15.02

1

22.02

1

25.02

1

01.03

1

08.03

1

15.03

1

05.04

1

12.04

1

19.04

1

26.04

31. Б/З. Сочиненэр егъэтхын «Дыхуейкъым дэ зэи
зауэ»
32. Гъубжокъуэ Лиуан. Сабийхэр лэжьыгъэм
ЩIэпIыкIыныр, ар фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыныр
« Бжьэ къэпщIахэр» рассказым
къызэрыщыгъэлъэгъуар
33. Классщ1ыб къеджэныгъэ.Ныбжьэгъугъэм,
цIыхугъэм, гуапагъэм теухуа усэхэм, хъыбархэм
еджэн.
34. Джэдгъэф Борис и «Си анэбзэ,си адыгэбзэ», «Адэжь
щIыналъэ» усэхэм дыкъызыхуриджэр.
Тест лэжьыгъэ гъэ псом дызэджа тхыгъэхэмкIэ

1

29.04

1

03.05

1

10.05

1

24.05

V. Литературэ
Еджакуэхэр зэреджэну пособиер, къагъэсэбэпыпхъэ тетрадыр.
1. Багъ Н. А.,Балэ Л.Ф. Агырбэ З. Т. Адыгэ литературэ. 5 класс Налшык, «Эльбрус»
2014.
2. Ержыб А. Къу., Хьэщыкъуей А. Хь. Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр курыт школым
зэрыщегъэджыпхъэр. Налшык, I987.
3. Ержыб А. Къу. Усэхэр, хъыбархэр, псысэхэр: дерсхэм къыдэкIуэу къызэджапхъэ
тхыгъэхэр, Налшык, I992.
ЕгъэджакIуэм къигъэсэбэпыпхъэ методическэ лэжьыгъэхэмрэ пособиехэмрэ.
1.Ержыб А. Къу. Адыгэ литературэ урокхэр 5-нэ классым. Налшык, I993, 2007.
2.Ержыб А. Къу. Дерсхэм къыдэкIуэу къызэджапхъэ тхыгъэхэр зэрыт пособие, 5–8-нэ
классхэм папщIэ. Налшык, I997.
3.Ержыб А. Къу., Хьэщыкъуей А. Хь. Шэрджэс тхакIуэхэм я тхыгъэхэр курыт школым
зэрыщегъэджыпхъэр. Налшык, 1987.
ДэIэпыкъуэгъу хъу литературэхэр, егъэджакIуэм папщIэ:
1.Ержыб А. Къу. Усэхэр, хъыбархэр, псысэхэр: дерсхэм къыдэкIуэу къызэджапхъэ
тхыгъэхэр, Налшык, 1992
2.ПщыхьэщIэ Л. И., ТIымыжь Хь Т. Хьэрыпыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа
псалъэхэр. Налшык, 2006.
ЕджакIуэхэм папщIэ:
1.ХьэкIуащэ А. Хь. Къэбэрдей IуэрыIуатэм и хрестоматие. Налшык, I988.
1. ХьэкIуащэ А. Хь. Адыгэ IуэрыIуатэ (еджакIуэхэм папщIэ). Налшык, I992.
2. ХьэкIуащэ А. Хь. Къэбэрдей IуэрыIуатэм и хрестоматие. Налшык, 1988.
3. ХьэкIуащэ А. Хь. Адыгэ IуэрыIуатэ (еджакIуэхэм папщIэ). Налшык, 1992.
Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999.
Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. Налшык, 2001.
Молэмусэ Хь. Т. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ (щыпсэу) къуалэбзухэр. Налшык, 1967.
Пщыбий И. Хъ., Сэкий Н. Я. Адыгэбзэм и синонимхэм я псалъалъэ кIэщI. Черкесск,
1971.
5. Урыс Хь. Щ., Зэхъуэхъу Л. Хь. Адыгэбзэм и орфографическэ псалъалъэ. Налшык,
1982.
6. Хьэкъун Б. И. Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр. Налшык, 1992.
7. ЩхьэщэмыщI Хь. Хь. АдыгэцIэ зиIэ псэущхьэхэр. Налшык, 1998.
8. Щхьэгъэпсо С. Хь., Слон Л. Хь. КъэкIыгъэхэм я адыгэцIэхэр. Налшык, 1994.
Интернет – ресурсхэр:
1.
2.
3.
4.

9. http: //school.edu.ru
10. http: //www.kop.ru
11. http: //www. edu.ru/www.erudit.com.ru
12. http: //www.allmath.ru
13. http://www/uchportal.ru// 25-1-3504// учительский портал
14. http://www//exponent.ru/edukat\systemat/ методические разработки

15. http://www/ solnet/ru
16. http://scool/tdu/ru/коллекция ЦОР


Наверх
На сайте используются файлы cookie. Продолжая использование сайта, вы соглашаетесь на обработку своих персональных данных. Подробности об обработке ваших данных — в политике конфиденциальности.

Функционал «Мастер заполнения» недоступен с мобильных устройств.
Пожалуйста, воспользуйтесь персональным компьютером для редактирования информации в «Мастере заполнения».